Къаукъаз, Къаукъас — Еуропэмрэ Азыемрэ я гъунапкъэм тету, Хы ШӀуцӀэм, Хы МыутӀэм, Хы Каспыйм я зэфакум дэтэу. Къаукъаз къушъхьахэм хэт (Къаукъазышхуэм) ар къыбгъэдэлъ шӀыпӀэхэри иубыдэу: Ишъхъэрэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Ипшъэ Къаукъаз (КъаукъазкӀыб).
Ишъхъэрэ Къаукъазыр Урысыем хеубыдэ, Курджым икъо зытӀущым щымыхъукӀэ.
Ипшъэ Къаукъазыр Азербайджаныр, Апхъазыр, Ермэлыер, Ипшъэ Осетыер, Курджыр джоуэ хеубыдэ.
Нэхь лъагэ пӀэр — м 5 642 ( Ӏошъхьэмафэ )
Азербайджан ( Нахичеван кой) | Апхъазие |
Хъырцые ( Аджарые) | Къушъхьа-Карабах республикэ |
Армение | |
Ипшъэ Осетиэ |
Урысыем хиубыдыр:
Адыгей | Къэбэртэе-Балъкъэр |
Дагъыстан | Къэрэщэе-Черкес |
Ингушие | Чэчэние |
Ишъхъэрэ ӏэситиэ | Ставропол край |
Краснодар край |
Къаукъазым шӀыуэ иубыдыр мин 440 км², абы шӀыпӀэ хэтхэр: Ишъхърэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Къаукъазышхуэ, КъаукъазкӀыб губгъуэхэр (Курамрэ Араксымрэ я псыхъуэхэр, Колхидэмрэ джоуэ), Къаукъаз ЦӀыкӀур, Джавахет-Ермэл бгыхэр (я ишъхърэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр).
Ишъхърэ Къаукъазым и пашъхьэм Ставропол бгыхэр ит (Нэхъ илъагапӀэр Ӏуашъхьа Стрижамент, м 831 хъууэ) Псыжъ-Хы МыутӀэ губгъуэмрэ Тэрч-Гум губгъуэхэмрэ зэхигъэкӀыу. Ишъхъэрэ Къаукъазым Тэрчымрэ Сунжэмрэ я зэхуакум тэрч-джабэхэмрэ сунжэ-джабэхэмрэ дэлъ я зэхуакум Алханчурт къуэр ирикӀу.
Къаукъазышхуэм и къушъхьэ зэхэтыкӀэр мэгуэч КъуэхьапӀэмкӀэ, хомурэ Тэман хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ дэкӀуэурэ Ӏуащхьэмахуэ нэсыху (инэхъ лъагапӀэр — м 5 642). Iуашъхьэшхуэ КурытхэмкӀэ (Ӏуащхьэмахуэрэ Къэзбэч Ӏуащхьэрэ я зэхуакум), КъуэкӀыпӀэмкӀэ Къэзбэч Ӏуащхьэ идежь къыщыкӀэдзауэ Апшерон хы тӀыгуныкъуэм нэс ехын кӀидзу. лъэныкъуэр Ӏуашъхьахэм зэву ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэмрэ къуэхьапӀэ лъэныкъуэхэмрэ бгъуэуэ макӀуэхэ. Къаукъазышхуэм и Ӏуашъхьэхэм Ишъхъэрэ Къаукъазымрэ Къаукъаз кӀыбымрэ зэхагъэкӀыр я гъунапкъу ирикӀуу.
Къаукъаз лъэпкъхэр гуп щыуэ мэгуэчхэ: