Гази маршал Мыстафэ Кэмал Ататурк Пащэ | |||
| |||
---|---|---|---|
1923 джэпуэгъуэм и 29 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10 | |||
Япэ итар: | япэрей президент; Уэсмэн империэ, сулътӀан Мэхьмэд VI | ||
Яуж ихьэр: | Исмет Инёню | ||
Диныр: | Агностик е Ислъам | ||
Адэр: | Али Рыза-эфенди | ||
Анэр: | Зубейдэ хъанум | ||
Быныр: | ипыну къыштауэ нэрыбгий | ||
ӀэпэкӀэдзыр: | |||
Мыстафэ Кэмал Ататурк (тыр-бз. Mustafa Kemal Atatürk, 1881 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10) - тырку цӀэрыӀуэ политикист, Тыркум и япэрей президент ("Milli Şef", Лъэпкъым и тхьэмадэ).
Мыстафэр 1881 гъэм къэхъуа къалэ Салониким (иджырей Алыджым, а зэманым Уэсмэн империэм хэтам). Саби джану щытт, шэн бзаджэ иӀу, и ныбджэгъухэм ядэкӀыгъуным нэхърэ изакъу зэманыр игъэкӀуэн ифӀэфӀт. И анэр хуэбжу мыслымэн диным пылъти Къурӏаным иригъэджэну и къуэр пылът, ядэрамэ зэманыгъуэм теухуа шъэныгъэхэм еджэну икъэр пылът. Зым къыхуэмыкӀу янэ-ядэр Мыстафэ япэреуэ мыслымэн еджэщым кӀохьэ, здэпсоуа хьэблэм щыӀам яужым и адэм езым зыпылъ еджэщым егъакӀуэр Шемси-эфендим, абдежьым и япэрей егъэджэныр Мыстафэм къеухыр.
1905 гъэм Мыстафэ дзэм къулыкъу ехьын кӀедзэ, а зэманыгъуэм идежь шъэху-гуп зэхегъэхьэ дзэм хэт коррупциэм пэщытыну. 1913 гъэм дзэм и атташе мэхъур Софиам. Япэрей дунейпсо зауэм щыгъуэ бэлыхьу тыркудзэм и дзэзэчу тета Чанаккалем идежь зауэ екӀуэкӀам. 1915 гъэм инджылыз-фрэнджыдзэхэр Арыбуруным дежь къигъэувыӀа яуж Мыстафэр полковник ӀэнатӀэгъуэ ирата. Яужым текӀуэныгъэ бжыгъэ къихьа а зауэм.
Зауэр иуха яуж 1918 гъэм Мыстафэ Истанбыл игъэзэжьа, абдежьым хъумэным и министериэм лэжьэн кӀидза. Уэсмэн империэм апкӀэнтӀэху и дзэр зэхигъэкӀыу и Ӏэшэр итын хуэй хъуа зауэ нэужым. Мыстафэм инспекциэ иригъэкӀуэкӀыу 1919 накъыгъэм и 19 Самсун дохьэр. 1919 мэкъуауэгъуэм и 22 тхылъ къеӀохур: «Джылэм и хуитыныгъэр зыхъумэфынур езы джылэра, абым хуеуэ, пылъу щытмэ», абым пэмыкӀыу депутат зэхечэсыр "Сивас хасэм". 1919 дыгъэгъазэм и 27 Мыстафэ Кэмалыр Анкарам и джылэхэм хуэбжу къырагъэблагъэ, (Истанбыл инджылызхэм я оккупациэм хэта яуж, парламентыр зэбгырахуат 1920 гъатхэпэм и 16) езым и парламент абдежьым зэхегъэхьэ - Тыркум и Лъэпкъ Хасэшхуэ. Езы Мыстафэр парламентым и тхьэмаду хахыр, ӀэнатӀэгъуэхасэми и нэхъышъхьу.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |